ЩыпщӀэмрэ щыумыщӀэмрэ | Бэрэгъун Аслъэн.
Тыншщ, цӏыхур зытет гъуэгуанэр зищIысыр абы щищӏэжми, абы ар зыхуишэжынур къыщыгурыIуэжми. Ауэ гъащIэри гъуэгуанэщи, ар зэрекIуэкIынуми, абы дызыхуишэжынуми щыгъуазэ щIагъуэ щымыIэ щхьэкIэ, утыкум дэ дыкъранакъым. ГъащIэр нэхъ ӏей зэпымыуу зэрыхъур, зи фӏэщ мыхъу цӏыху дунейм тетыж хъункъым. Ухыжыпӏэ зимыӏэж фIылъагъуныгъэкӏэ фIыуэ дыкъэзылъагъу Алыхьыр теӏуэныгъэ Псалъэ пэжыщэкӏэ къытхуоупсэри дыпсэуху щӏыкӏэ а Тхыгъэр къэтхутэну дыхуреджэ, нобэ дыдэ, иджы дыдэ, гугъапIэ быди, мыкъутэж фӏэщхъуныгъи, къикӏуэт зимыӏэ дзыхьи дэ дгъуэтыжын папщIэ. Тхьэм ди фӏэщ ещIыр, дыкъегъэгугъэ, дытрегъэгушхуэ, ди дзыхьыр Абы етхьэлIэмэ, ди щхьэ Абы хуэдгъэтӏылъмэ, дыкъызыхуигъэщӏа мыухыж гъащIэм дыхишэжыну. #Тхыгъэ Лъапӏэ #Чытап #Kutsal Kitap #الكتاب #En kesin kehanet #النبوءة الأكثر يقينً
Название:
ЩыпщӀэмрэ щыумыщӀэмрэ | Бэрэгъун Аслъэн.
Категория:
Религия