ЩIэдзапIэ зиIэ псоми щIэдзапӏэ Езытар | Бэрэгъун Аслъэн.
ЩIэдзапIэ зимыӏэ гуэр е зыгуэр зыщӏыпӏи щыӏэркъым. Абы къыхэкIыу, щIэдзапӏэ псоми Езытам уегупсысмэ, акъылым къыхуэмыщтэ куэд, "нэгум" къыщIоувэри, цӏыхум и лъэкӏми, и къаруми, и лъэщыгъэми, и ӏущыгъэми кӏэух зэриӏэр зыхуегъэщӏыкӏыж. Ауэ псоми щIэдзапIэ ириту Езыгъэжьам уи дзыхьыр щепхьэлӏэм, зэхэщӏыкӏгъуейуэ щыта куэдыр гурыIуэгъуэ мэхъур. АрщхьэкIэ нобэ дыдэ, иджыпступцIэ укъызэщӏигъэгушхуэу гугъапIэрэ гупсэхугъуэкӏэ гур щыз ищIыну хьэзыр Зэхэублакӏуэм и деж зыщыущиин хуейщ. Псоми и купщIэ хъужымрэ, псори зезыгъакIуэмрэ щхьэр хуэгъэтӏылъын хуейщ. #Тхыгъэ Лъапӏэ #Чытап #Kutsal Kitap #الكتاب #En kesin kehanet #النبوءة الأكثر يقينً
Название:
ЩIэдзапIэ зиIэ псоми щIэдзапӏэ Езытар | Бэрэгъун Аслъэн.
Категория:
Религия